Щыгъуэщӏэж махуэм папщӏэ шыгъажэ

FB IMG 1621001976492

Мыгъэм етӏуанэр щекӏуэкӏащ тыркум. (Кафкася кошусу) зицӏэ шыгъажэм.

Абы и къэжьэкӏэ хъуар, илъэсищ ипэ Тырку къэралыгъуэ Шыгъажэ Федэрацым тхыл бгъэдалъхьащ, ар утыкӏу къизыхьар Истамбыл щыӏэ (Бахчелиевлер Кафкас Черкес Дернэгъи) зицӏэ хасэращ.

Адыгэм и щыгъуэ махуэм хуэзэу е пэгъунэгъу зы Шыгъажэ ящӏыну, абы Адыгэ лъэпкъым ищхьэ къырикӏуа залымыгъэр цӏыхухэм дэтхэнэ ӏуэхумкӏэ къыхагъэщыну зэрыхуейхэр къигъэлъагъуэу.

Ар тамаму Адыгэр зэрыхуейм худэдыдэу хъуакъым.

Сыт щхьэ жыфӏэмэ абы геносидир къыхагъэщыну зы амал яӏэтэкъыми зэрыхъу мис мыпхуэдэу ицӏэм (къафкася кошусу) кавказ шыгъажэ фӏащащ.Аращи ицӏэр, и мыхьэнэр тамаму кхыхамыгъэщыфми Адыгэ лъэпкъым хуэгъэзауэ зэрыщытыр къыхагъэщ.

Тамаму дызыхуеу мыхъуами мыри зы ӏуэхугъэфӏу, зы лэжыгъэу къыдолъытэ. Щыгъуэ махуэр зыхэт тхьэмахум хуэзэу йокӏуэк.

Мыгъэм етӏуанэр Анкара къалэм дэт ипподром’ым щекӏуэкӏащ.

Коронавирус емынэ узым и щхьэусыгъуэкӏэ цӏыхухэр абдэж щэмыплъыфами ар телевизор каналитӏым къыщагъэлъэгъуащ.

Илъэс кӏуам Истамбыл къалэ щэкӏэукӏа шыгъажэм адыгэшыи, адыгэ шуи хэта щхьэ мыгъэм Анкара щэкӏэукӏа шыгъэжэм Адыгэши, Адыгэ шуи хэтакъым.

Кафкася Шыгъэжэм текӏуэныгъэр 2 номыркӏэ къажа ( гогъусгерен) зицӏэ шым къихьащ.

Мы ӏуэхум телэжьыхьа цӏыху псоми фӏыщӏэ яхудощӏыр.

Дыгуасэ екӏуэкӏа шыгъажэм и видеор

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img