Мэкъуауэгъуэм и 13, 1861-Адыгэ Хэкум и щхьэхуитыныгъэ махуэ!

Адыгэхэм я зэхуэсышхуэ.

Зауэр кIуэ пэтми нэхъ къащытехьэлъэм, адыгэ тхьэмадэхэм къагуры­Iуащ лъэпкъ псоми я къарур зэщIамыгъэуIуауэ я хэкум къиужьгъа дзэм зэрыпэмылъэщынур. Убых дзэпщ цIэрыIуэ Бэрзэдж Джыранды­къуэ и жэрдэмкIэ, 1861 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 13-м Сочэ псыхъуэ щызэхыхьащ шапсыгъхэм, абазэхэхэм, натхъуэджхэм, убыххэм я лIыкIуэ­хэм я хасэ.

Шэрджэс къэралыгъуэ къызэгъэпэщын хуейуэ унафэ ищIащ хасэм, абы и унафэр IэщIалъхьащ Лъэпкъ зэ­хуэ­сышхуэм (меджлисым, е парламентым).

Меджлисым и лэжьы­гъэр иунэтIын хуейуэ лIыкIуэ (депутат) 15-м я пщэ далъхьащ; меджлисым и тхьэмадэ хъуащ Бэрзэдж Джыранды­къуэ.

Меджилисым и уна­­фэкIэ, Шэрджэс къэралыгъуэр щIыналъэ 12-у ягуэшащ, щIыналъэ­хэм я тхьэмадэхэр хахащ. Уна­гъуищэ къэс шууитху ягъэшэсын хуейуэ зэгуры­Iуащ лIыкIуэхэр – зауэм щигуа­щIэгъуэ зэманым ар къаруушхуэт:

Шэрджэс къэралыгъуэм и дзэм зэры­пхъуа­кIуэхэм удын хьэлъэ зыбжанэ яридзын хузэфIэ­кIащ, хы Iуфэм къыIуа­щIыхьа быдапIэхэм ебгъэ­ры­кIуащ. Шэрджэс парламентым и лIыкIуэхэм зы­хуа­гъэзащ европей къэралхэм, къэралыгъуэ къызэрызэрагъэпэщар, я хуитыныгъэм щхьэкIэ ира­гъэкIуэкI бэнэныгъэр зэпагъэун мурад зэрамыIэр дуней псом щагъэIуащ. Абы нэхъри къигъэгуб­жьащ урыс дзэпщхэр.

Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ зауэр щыувыIати, Кавказым ис дзэм и нэхъыбэр (мин 270-рэ) Шэрджэсым къраутIыпщащ, тенджыз Iуфэм­кIи Псыжь лъэны­къуэкIи къыщебгъэры­кIуащ. 1862 гъэм мэкъуа­уэгъуэ мазэм и 19-м генерал Колюбакин и дзэр Сочэ псыхъуэ къыдэужьгъащ, Шэрджэс парламентым и унэр ягъэсащ…

Кавказым къыщыкIуам щыгъуэ пащтыхь Александр ЕтIуанэм хуэзащ шэрджэс лIыкIуэхэр. Ахэр арэзыт, хэкум къранэмэ, Iэщэр ягъэтIылъу Урысейм и IэмыщIэ зралъхьэну. «Мазэ пIалъэ фызот, – къажриIащ пащтыхьым. – Мазэ дэкIмэ, граф Евдокимовым хъыбар евгъащIэ: Псыжь губгъуэ фидгъэтIысхьэну вжетIащи, фыарэзы; абы­кIэ фымыарэзымэ, Тыркум фыIэпхъуэ».

Шэдылъэ губгъуэм итIысхьэ нэхърэ Тыркум Iэпхъуэмэ нэхъ къащтащ шэрджэсхэм…

Меджлисым и лIыкIуэхэр Тыркум, европей къэралхэм ягъэкIуащ, ахэр зыда­гъэIэпыкъун щхьэкIэ, ауэ абыхэм къыхуащIа щыIэ­къым, къадэIэпы­къункIэ къагъэгугъа фIэкI. Зыри яхузэфIэкIакъым Истамбылрэ Лондонрэ къыщызэрагъэпэща Шэрджэс комитетхэм – ахъшэ гуэрхэр, Iэщэ-фащэ мащIэ тIэкIу, шыгъу, гын къэп зыбжанэщ европей къэралхэм ягу пыкIар, шэрджэсхэм я бэнэныгъэм къыхыхьэн ядэххакъым, Урысейм фIэ­лIыкI­ри.

Меджлисым европей къэралхэм зэрыза­хуи­гъэза Псалъэм къигъэ­дзы­хаIакъым, ар уеблэмэ яIэ­ры­мыхьа нэпцI защIащ, яIэ­рыхьэпами, Лондони, Парижи, Истамбыли жэ­уап къикIакъым. Нэхъ гурыIуэ­гъуэу жыпIэмэ, бгырысхэр утыкум къинащ…

Адыгэ Псалъэ

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img