Yazar : Bekmurza Paşe (Бекмурза Пачев) ve Borukue Tute (Тута Борукаев)
İcra eden: Kardenğuş Zıramuk (Зарамук Кардангушев)
Kategori : Kabardey Woredıj
SÖZLER: ( ТЕКСТ ПЕСНИ )
Къэбэрдеишхуэу уэркъышхуэ жылэ,
Мэзкуум и жылэр мэзэрызохьэ,
Къэралыр зезыхьэм и щӏыр къызэхуашэ.
Бийм щымышынэхэр абы къыхуалъыхъуэ,
Дэ лӏыхъу дамыгъэхэр зыхуэдвгъэгуэш,
Шагъдийм и бланэмкӏэ зыхуэдвгъэхуапэ.
Лӏы напэ зиӏэм зыригъэтхынщ,
Кӏэзетыр щатхкӏэ ди щхьэр ди жагъуэщ,
Железнэ гъуэгур бийм яӏэрохьэ.
Бийм яӏэрыхьахэм дэ дыронэщхъей,
Писмо нэщхъейхэр Кавказым къахь,
Хэкум къахьа тхылъхэр жылэм къытхуагуэш.
Къэбэрдей шу мащӏэр шууищэ уасэщ,
Арысеишхуэр абы къыщӏоупщӏэ,
Зи щхьэ щӏэупщӏэжхэм нобэ я нэсыпщ.
Японым и зауэм Кӏэрэфыр хокӏуадэ,
Ар кӏуэдыпӏэ бзаджэт, жылэ гъэунэхъут,
Ар кӏуэдыпӏэ бзаджэщ жыфӏэу фэ фыщымышынэ.
Хъерым дызэреплъыр – ар къызыбгъэдэкӏ,
Зыпхуедгъэукӏынкӏэ укъыдогъэгугъэ,
Ди анэхэр къыткӏэлъыгъыу жанхэр дыздошэс.
Дэ дынызыхуашэ гущэр – ар мэршынэрыуэщ,
Дэ дызыхуагъасэри – ар фочзакъуэрыуэщ,
Бийм хуагъэсами дэ захедгъэтхащ.
Нобэ дэкӏ шу мащӏэм фэ фахуэмыусэ,
Писмо къэдмытхым фынэмыгугъэ,
Натӏэм къыритхами ӏэмал имыӏэ.
Лӏыгъэ иритщӏэну шагъдийхэр догъэпс,
Дипсэм демыблэну быдагъэ зыдощӏылӏэ,
Гукъеуэшхуэ зиӏэр иремыхъуапсэ.
Ди гъащӏэ ӏэфӏыр напэкӏэ дощэ,
Димыӏэм дещэу зауэм дымыкӏуэ,
Зауэм дымыкӏуэм дэнэ дыздэкӏуэнур.
Дэ ди лӏэщӏыгъуэм дунейр къызэӏохьэ,
Старшынэу яубыдым дамэ лей къытокӏэ,
Гъуом я нэхъыкӏэм зегъэадакъэхъу.
Пасэрей хабзэу унафэ щыӏэжкъым,
Иджырей щӏалэхэм я щхьэр ягъэджыджэ,
Я адэр къакӏэлъыджэу къыхуамыгъазэ.
Лъэпкъым ямыхабзэу щхьэцыр ягъэкӏ,
Ӏуэху къалъыкъуэкӏым хуабэ тхьэрыкъуэфщ,
Лӏым ищӏа унафэр фызым екъутэж.
Щӏы тӏэкӏуу диӏэм и гъунапкъэр къавэ,
Я выр ягъэшхэнумэ ди мэкъум къыхапхэ,
Къитхъым къыфӏах бзаджэр ди мэшым къыхадзэ.
Иджырей щӏалэхэм ирагъэлей,
Зы сомкӏэ лейри дяпщэкӏэ макӏуэ,
Япон зауэм кӏуэныр абы къыхыдох.
Зи щхьэ хэзыхыжым и насып ӏыхьэщ,
Дэ емынэ ӏыхьэм хьэщӏэу дыныхуашэ,
Зауэм дыщыӏуашэкӏэ екӏэ дыхуахуапэ.
Ди япэ къихуахэр джаур хьэдэ мэхъур,
Пщащэм и дахэхэр хэкум къыдогъанэ,
Ди анэхэр къыткӏэлъыгъыу япон зауэм дашэ.