КЪУЭХЬЭПIЭМ ЩЫПСЭУ ЛЪЭПКЪХЭМ ЯХУЭГЪЭЗА АДЫГЭ ЩХЬЭХУИТЫНЫГЪЭМ И ДЖЭПСАЛЪЭ

Кавказым щыпсэухэм Урысейм и цIыхуу зыкъалъытэжыныр
къыщыгъэнауэ абы илъэс Iэджэ лъандэрэ зауэ драгъэкIуэкI.
ЗэрыдрагъэкIуэкIри щхьэзакъуэ гуащIэкIэщ. Зы къэралыгъуэ гуэри
абыхэм щIэгъэкъуэни, дэIэпыкъуэгъуи зэикI къахуэхъуакъым. Уэсмэн
пащтыхьыгъуэр мы щIыналъэм щытепща пэтми, мыбдеж щыпсэухэм
захъумэжыныр езыхэм я пщэ къыдэхуэжт. Уеблэмэ, иужьрей
зэманхэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэр мыбыхэм зэкъым-тIэукъым
къазэрепцIыжар, игъуэджэ хъу къэси утыкурынэ зэрищIар. Зи нэр
Мэзкуум и дыщэ плъыжьым къыщхьэрипхъуа пашэм Быгъуркъалэ
урысым хуит яхуищIыгъауэ щытащ, ахэр пащтыхьым и IупэфIэгъущ,
абы зыкъыпэщIэзыса ермэлы дзэзешэхэм езэуэну къэкIуахэу аращ
жиIэри. НэгъуэщI зы пашэи къебзэджэкIщ адыгэхэми, зы жэщым
и кIуэцIкIэ я Хэкум икIыжыгъат. Абы иужь бжыгъэрэ пащтыхьым
деж адыгэхэм лIыкIуэ хуагъэкIуэгъат, зэрыхуэпэжыр жраIэну, и
дэIэпыкъуныгъи табущхьэщкIи щIэлъэIуну. АрщхьэкIэ абыхэм
щIыIэ-щIыIэущ къазэрыпекъуэкIар. Къэжэрми зэи-тIои [лъэIукIэ]
зыхуагъэзат, ауэ абыи къикIа щыIэкъым. ИкIэм-икIэжым, [Мысрокъуэ]
Мэмэталий дежи нэсащ. Абыи [адыгэм] я щыпкъагъэр гунэс щыхъуа
пэтми, ядэIэпыкъуну аркъудей игу къэкIтэкъым.

Сыт щыгъуи адыгэ лIыкIуэхэм мо тпэIэщIэгъухэм, Урысейм и бжьы
бзаджэм ущIэтыныр зыхуэдэр зымыщIэхэм, я хабзэ, я фIэщхъуныгъэ,
зэкIэ цIыху лъэпкъыу щыIэм я щыIэныгъэ и бий кIэуфIыцIу зэрыщытыр
(армырамэ сыт щхьэкIэ апхуэдизрэ япэщIэтынт абы адыгэхэр), и
дзэпщхэр зэрытхьэгъэпцIыр, и зауэлIхэр зэрыгущIэгъуншэр, абы
къыхэкIыуи адыгэр зэтраукIэным зыми ифI зэрыхэмылъыр жаIэн
хуейт. Хэбгъэзыхьмэ – адыгэм зыкъыщIагъэкъуэныр псоми я щхьэпэ
зыхэлъ Iуэхущ.

Дэ къыдэзэуэн нэхъ хьэкъ зимыIэ икIи кIэ имыIэу шэмпIаул
къыдэзыдз урысыдзэ мылъытэр иужькIэ зэбгъэрыкIуэнур фэращ.
ЦIыху минищэ бжыгъэхэр ди къурш щхьэ пцIанэ задэхэм
ипхъауэ итщ ди бгырыс шыщхьэмыгъазэхэм езауэу, иужькIэ фи
щIыгу бэвылъэхэм къизэрыгуэнурэ фи жылэри фэри пщылIыпIэ
фрагъэувэнущ. Ди къуршхэр Къэжэрымрэ Тыркумрэ фи къэрэгъул
бжыхьт; ахэр зыхъумэн щымыIэжмэ, нэгъуэщI шапэIудз хъун
щыIэхэкъыми, къэралыгъуитIри гъунапкъэкъутэ хъунущ.Ди къуршхэр [къэралыгъуитIымкIэ] унэбжэ хьэзырщ, умыгъэбыдэмэ,
жьэгу пащхьэ мафIэри пфIэкIуэсэнущ.

Абы щыфIэкIыжауэ, дилъщ, адыгэлъщ, уэсмэн пащтыхьым
щIэтыр. И анэр – адыгэщ, хьэрэмми щIэсым нэхъыбэр адыгэ
бзылъхугъэщ. И унэIутхэри адыгэщ. И уазирхэмрэ пашэхэмрэ
[нэхъыбэр] адыгэщ. Езыр ди дингъуазэщ, гурэ псэкIи детауэ
дыхуэщыпкъэщ. Апхуэдиз пыщIэныгъэм я цIэкIэ гущIэгъу
къытхуищIу зыкъытщIигъэкъуэну зыхудогъазэ. И бын пэлъытэхэмрэ
и цIыхухэмрэ къащыжыну хуэмеймэ, къан IыхьэкIэ къытхэт кърым
хъанхэм я бынхэм щIрегупсыс.

Арат ди лIыкIуэхэм жаIэну пщэрылъ щащIар, ауэ зыми хъымпIар
ящыхъуакъым. Мыпхуэдэу къэхъуну къыщIэкIынтэкъым пащтыхьым
щыпкъагъэрэ IэщэкIэ къыкъуэувэнур зыхуэдизыр ищIатэмэ,
урысхэми яхущIэплъу щымытатэмэ.

ДощIэ, Урысейм и закъуэкъым къэрал и цIэу дунейм тетыр.
Дыщыгъуазэщ Урысейм куэдкIэ елъэщэкI хэгъэгухэр зэрыщыIэм.
Зэрылъэщым имызакъуэу гуапагъэ яхэлъу, жэхьилыр яущийрэ
дэхуэхам щIэгъэкъуэн яхуэхъуу, Урысейр ямыгъэныбжьэгъуу,
и жагъуэгъущ жыпIэмэ, ар нэхъ захуэу, уэсмэн пащтыхьри
Iумпей ямыщIу, атIэ я IупэфIэгъуу щыту. ДощIэ урысыр иджыри
кхъуафэжьейм ису къыдэсылIэрэ Мыутхъуэх деж бдзэжьей щещэну
къыдэлъэIуу щыщытам Инджылызымрэ Франджымрэ зызыужьа
къэралхэм ящыщу дуней унафэр зэрахьэу зэрыщытари.

КъытфIэщIт Инджылызымрэ Франджымрэ дэ тхуэдэ лъэпкъ цIыкIу
тхьэмыщкIэхэр зыуи къащымыхъуну, ауэ зэикI шэч къытетхьакъым
а лъэпкъ Iущхэм дызэрымыурысыр зэращIэм. Топыдзэ жыхуаIэр
зедмыгъакIуэми, дзэрэ дзэпщкIэ дыкъызэмыгъэпэщами, кхъухьыдзэ
димыIэми, мылъкушхуэ дбгъэдэмылъми, Iэщэр ягъэдалъэу
къытхэмыхьэмэ, дылъэпкъ захуэщ, дымамырщIэкъу лъэпкъщ;
урысыр тлъагъу щIэмыхъум и щхьэусыгъуэр абыхэм ящIэ, зауэзэрылI
къэхъуауи дащытемыкIуэ щIагъуи къыхэкIкъым. Аращ КъухьэпIэм
щыIэ къэралхэм я хьэритэхэм ди Хэкур Урысейм щыщ щIыналъэ
хуэдэу зэритхъар, Урысейр зыгъэзджыздж ди зауэлIхэмрэ урысым и лъэ
зытемыува ди къуршхэмрэ абы Тыркум къриту жиIэу ди нэщIыбагъкIэ
зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэу а тхылъым Урысеймрэ Тыркумрэ
я Iэпэ зэрыщIалъхьар, адыгэр Урысейм дрипщылIу, дылIыукIрэ
хьэкIэкхъуэкIэу, дигу щабэ зыщIыни, дыкъэзыгъэIэсэн хабзи щымыIэу
дызэриIуэтар къыщытщIам икIагъэ къыдахауэ къыщIэтлъытар.

Мы уафэм и щIагъ дыщIэту ди фIэщу жыдоIэ апхуэдэ
хъуагъэщагъэхэмрэ пцIы зэфэзэщымрэ къызэрыдмыщтэр. Псалъэм
псалъэкIэ дыподжэжри, жытIэр пэжщ: Iэщэ иIыгъыу къытхыхьам
илъэс 40 мэхъури дыпэщIэтщ; мы фIыцIагъэри, лъыуэ дгъэжам хуэдэ

къабзэу, ди щхьэхуитыныгъэм и шэсыпIэ йоувэ, мы тхылъым зи Iэпэрэ
мыхъуррэ щIэзылъхьахэри Хэку унафэм и щхьэкIэ кIуэуэ нэгъуэщI
унафэрэ псалъэрэ къэзмыщтахэмрэ емыувэлIахэмрэщ, урысыр
гъунэгъу къыщыхъукIэ я Iэщэр зэрагъэбзэну щIыкIэр зэрагъэзахуэ
нэхъкIэ псалъэ дыгъэл зи цIэ зымыщIэ цIыхухэрщ.

Хэт хуитыр ди щIыгум дрихуну? Пащтыхьым гурэ псэкIэ
зетта щхьэкIэ, Урысейр и ныбжьэгъумэ, ди пэжагъыр абы
къищтэфынукъым – Адыгэ Хэкур Урысейм йозауэр. Ди пэжагъыр
гущIэ лъащIэм къыщожьэ, къызэримыщэхуам къыхэкIыуи, ар абы
хуэщэнукъым.

Захуагъэ зыхэмылъ Iуэху къытлъыкъуэкIыжынумэ, дигу-ди
щхьэ зыхуэгъэза Инджылыз хэгъэгушхуэри къытщIремыгупсыс.
Адыгэм ди лъэIур зэхимыхынумэ, Урысейр зыхуекIуэ хьилагъэхэми
зремыгъэубыд. Iэлрэ мыгъасэу жыхуаIэ лъэпкъымрэ ар
пцIытелъхьэпIэ зыщIхэмрэ я унафэр икIэщIыпIэкIэ пэжым тету хей
ирещIэ.

МелуаниплI дохъу, ауэ, ди мыгъуагъэщи, лIакъуэ-лIакъуэкIэрэ,
бзэкIэ, динкIэ дыгуэшащ. Хабзэрэ бзыпхъэхэмкIэ дызэтехуэкъым,
зыр зым е и пэщIэщIэгъущ, е и IупэфIэгъущ. Зы гуращэ дызэдимыIэу
нобэм дыкъэсащ, ауэ Хасэ диIэщ, унафэ къэщтэкIэми унафэ
гъэзэщIэкIэми дыхуэхейкъым. Зауэ щыхъукIэ, жылэр фIэкIыпIэншэу
зыхуэжыIэщIэр дзэпщу хахаращ; ди хъуреягъкIэ къыщыс
къэралышхуэхэр къехъуэпсэну щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зи Iэ дилъ
пщыхэмрэ тхьэмадэхэмрэ куэдкIэ нэхъ пщIэрэ щхьэрэ яIэу унафэр
зэрахьэ. Ауэ дызэзышэлIэн, дызэзыгъэдэIун Гъуазэ диIэкъыми, зэры-
КъуэкIыпIэу дыщытепщэ пэтми, хамэщI къикIар Пашэ дощI. Аращ
къызыхэкIар япэ кърым хъанхэм, итIанэ Истамбыл дэс пащтыхьым я
жыIэм деувэлIэныр.

Урысейм ди щIыгум щыщ кIапэ щиубыдкIэ, апхуэдэ къыщыхъуи
щыIэт, занщIэу пщылIыпIэм дызэрыригъэувэнум хущIэкъурт, дэ
тщыщхэр и дзэм ириджэрт, дилърэ пщIантIэпскIэ хъугъуэфIэгъуэхэр
къифыщIырт, зауэу иригъэкIуэкIхэм дыхишэурэ нэгъуэщI лъэпкъхэр
къызыхудигъэзэурт, абыхэм ди лъэпкъэгъурэ динэгъурэ къащыхэхуи
къыхэкIыу. Аращ ди зэхуаку лъагъумыхъуныгъэ мыужьыхыр
къыдэзылъхьари, щIэчэ зимыIэж лъыгъажэми дыхэзыдзари; нэгъуэщI
зыгуэрурэ къекIуэкIатэмэ, куэд щIагъэнт урысыпщым жыIэщIэ
дызэрыхуэхъурэ.

ПхуэIуэтэщIынкъым езы Урысейм и тхьэгъэпцIыгъэмрэ зэрихьэ
гущIэгъуншагъэмрэ я гугъур къебгъэжьамэ, жьы IурыгъэхьапIэ
къыдимыту ди Хэкур къызэриухъуреихьар, ди сату щIапIэхэм удын
бзаджэ зэрытридзар, жылакIи къыхуамыгъанэу гъуазэрэ дзэзешэу
дызыщыгугъ ди лъэпкъыжьхэр и лIыукIхэм зэраIэщIэкIуэдар, лъэпкъ

псохэр зэрызэтриукIар, къуажэхэр зэригъэкIуэдар, Истамбылым
и бзэгухь-жасусхэр ахъшэкIэ къызэригъэIулар, тхьэмыщкIапIэм
дызэрыришар, бзаджащIагъэу зэрихьэм дунеижьым гужь
зэрыхудигъэщIар… Абы щыгъуэми езым КъухьэпIэм щыпсэу чыристан
лъэпкъхэм я пащхьэ псалъэ пцIыIуэпцIышэхэмкIэ дыщигъэулъийт…

Бэракъыр щаIэткIэ цIыху минищэхэр къезышэлIэфу щыта
лъэпкъ куэд диIэжкъым. Ауэ, икIэм-икIэжым, Урысейм худиIэ
лъагъумыхъуныгъэм зылI и быну дызэкъуигъэуващ. Мы зауэр
зэрежьэрэ нобэр къыздэсым ди лъэпкъ и бынкIэ цIыху мин 200
хуэдиз къигъэдэIуэфащ абы; къэнам щыщу Урысейм езыр хуейуэ
зы нэрыбгэми къулыкъу хуищIакъым. Ди сабий куэд гъэр ищIыгъат
[Урысейм], ди пщы-уэркъхэм я бын анэмэту ищтэгъат, арщхьэкIэ
Iэмал зэрагъуэту щалъхуа Хэкур зыщымыгъупщэхэр къэкIуэсэжхэрт.

Урыс пащтыхьым и гулъытэрэ и нэфIрэ зылъэIэсахэр къытхэтщ,
ауэ адэжь лъахэм къыщхьэрыхьа шынагъуэм а псор пагъэтIылъыфащ.
Урысым ящыщу цIыху минхэри къытхэтщ, къызыхэхъукIа я псэукIэр
ди щыIэкIэ «къызэрыкIуэм» пагъэтIылъыфауэ. Урысейм ди щIыналъэм
быдапIэхэр ирещIыхь, арщхьэкIэ я Iэщэ къихьым нэхъыбэкIэ
кIуэтэфкъым – куэд щIакъым урыс дзэкIуэлI мин 50 къызэрыттеуэрэ,
къанэ щIагъуэ щымыIэу зэхэткъутащ.

Къэралыр Iэщэщ къызэразэур, псалъэкIэкъым. Урысейм нобэ
дищтэми, Iэщэкъым дызэрызэIэщIилъхьэнур, атIэ кIуапIэ-хэкIыпIэу
диIэхэм къытетIысхьэкIэрэщ, зэрищIынури Тыркумрэ Къэжэрымрэ
къигъапцIэкIэрэщ, псышхуэ гъуэгур зэпиупщIкIэрэщ, хы Iуфэм
екIуэлIапIэ къыдимыткIэрэщ, ди кхъухьхэм къадэкIуэу нэгъуэщI
щIыпIэ къикIхэри зэтригъасхьэкIэрэщ, ди сатур имыгъэкIуатэкIэрэщ,
шыгъу, гын, нэгъуэщI дызыхуеину-дызыщыщIэнухэр къытIэримы-
гъыхьэкIэрэщ, зы псалъэкIэ жыпIэнумэ – гугъапIэншэ дищIкIэрэщ.

Ауэ, дауэ мыхъуами, дэ дылъэпкъ щхьэхуитщ, дозауэр, дытокIуэр.
Урысей пащтыхьым дрипщылI хуэдэу КъухьэпIэм щызыгъэхъыбар,
ди щIыгур а къэралым щыщ хуэдэу хьэритэхэм изытхъэ и лIыкIуэхэм
иджы дыдэ Адыгэ Хэкум зыкъытхуагъэзат – дазэрыпэщIэувам щхьэкIэ
гъэгъуныгъэ къытхуахьу къэкIуауэ аракъым, атIэ гъэру ди деж щыIэ
урыс дзэкIуэлI мин 20-р зэрытхашыжынум, лъэныкъуитIми гъэру
яубыдахэмкIэ дызэрызэхъуэжэнум дризэгурыIуэн щхьэкIэщ.

АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар Табыщ Муратщ

ИЗ ДОКУМЕНТАЛЬНОЙ ИСТОРИИ КАВКАЗСКОЙ ВОЙНЫ: «ДЕКЛАРАЦИЯ ЧЕРКЕССКОЙ НЕЗАВИСИМОСТИ» К.Ф. ДЗАМИХОВ

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img