Бзэмрэ лъэпкъымрэ

Дэтхэнэ тхыбзэми и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ар зей лъэпкъым къикIуа гъуэ­гуанэмрэ абы щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэмрэ. Абы зэрызиужьам елъытащ сыт хуэдэ лъэпкъхэм я гъащIэр, хабзэхэр, щэнхабзэр дунейпсо зыужьыныгъэм и тхыдэм къыхэнэнуми, дэтхэнэхэр хышхуэ къэукъубеям и толъкъуным щIихъумэу кIуэдыжынуми, я хъугъуэфIыгъуэхэр къащIэхъуэ щIэблэхэм щIэину къыхуагъэнэн ямылъэкIыу. Зыужьыныгъэм и гъуэгу кIыхьым цIыхум щича лъэбакъуэхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэм хэплъытэ хъунущ тхыбзэр къызэрыхъуар. Абы и лъэныкъуэкIэ ар ебгъапщэ хъунущ цIыхум мафIэ къызэригъуэтам е шэрхъ къызэригупсысам.

Дауи, япэщIыкIэ щыIар псалъэщ: псалъэ зырызурэ зэхэгъэува хъуа бзэмкIэ цIыхухэм хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр зэIэпахащ, яхъумащ. Зыужьыныгъэм къытхуихьа насыпу, макъхэр дамыгъэхэмкIэ ягъэбелджылыуэ хуежьащ иужькIэ. Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр дамыгъэ хэхахэмкIэ къэгъэлъэгъуауэ, ар къыдекIуэкIыу, зиужьу, къыщIэхъуэ щIэблэм Iурылъу къэтэджыныр — ар уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Дызыхэт къэралыгъуэм тхыбзэ игъуэтащ 863 гъэм. Абы иужькIэ илъэс 990-рэ дэкIыжри, 1853 гъэм, къыдэкIащ адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр. Аращи, адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр.

Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыны­гъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр ирипIейтейуэ къокIуэкI. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ лъэпкъ узэщIакIуэхэу Хъанджэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и зэфIэгъэувэным елэжьащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа, адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр — «Адыгэбзэ псалъалъэр», тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1853 гъэм и гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ. Нобэрей щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а зэманым мыхьэнэшхуэ иIащ абы: япэрауэ, лъэпкъым бзэ иIэу къалъытащ, етIуанэрауэ, апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ. Апхуэдэу адыгэбзэм и зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ щытащ еджагъэшхуэм зэман кIыхькIэ иригъэкIуэкIа нэгъуэщI къэхутэныгъэхэри. Бырсейм и лэжьыгъэм пащащ абы иужь ита ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм.

Зэманымрэ лъэхъэнэмрэ елъытауэ, ди тхыбзэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтурэ зэфIэуващ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ адыгэбзэм и хьэрфхэр урысыбзэм и дамыгъэхэмкIэ къагъэлъа­гъуэ хъуащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и макъхэр хьэрып хьэрфылъэм хуагъэкIуэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школ­хэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ. ИужькIэ, 1923 гъэм и пэщIэдзэм, адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэр латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. Лъэпкъыбзэу дунейм тетхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэр латин хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуэ­ным яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Латин хьэрф тхыкIэм Хъураным иригъэзэгъа адыгэбзэм и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурад яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм зэман пыухыкIакIэ хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущыщIэхэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ. Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ тхуэлэжьащ. Ар ща­хъуэжар 1936 гъэращ. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ.

Ди анэдэлъхубзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэщ адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — 2003 гъэм абы теухуа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр адыгэ щыпсэу щIыпIэ псоми щыдогъэлъапIэ, Бырсейм и «Адыгэбзэ псалъалъэр» къыщыдэкIар и лъабжьэу. ЕджапIэхэм, гъэсапIэхэм пшыхьхэр щызэхашэ, зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI, анэдэлъхубзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэхэр къагъэлъагъуэу диктант ятх.

«Адыгэбзэ псалъалъэр» дунейм къызэрытехьэрэ дэкIа илъэси 171-м адыгэхэм ди тхыбзэ диIэжу, ар гъащIэм къыщыдгъэсэбэпу, Iуэху иризетхьэу дунейм дытетщ. Мыбдеж гулъытэ нэхъ зыхуэщIын хуейр «къыщыдгъэсэбэпу» псалъэращ, сыту жыпIэмэ бзэр, тхыбзэр цIыхум зэрихьэ, зэрыгушхуэ, илъытэхэм ящыщу нэхъ лъапIэ дыдэращ, ауэ щыхъу­кIи гулъытэ хуумыщIмэ, зумыгъэужьмэ, нэсу, хуэфэщэну зумыхьэмэ, къэдмыгъэсэбэпыж адрей хьэпшыпхэми ещхьу, япэщIыкIэ зэдгъэтIылъэкIынущ, къыкIэлъыкIуэу IэщIыб тщIынущ, «къэдмыщтэурэ хъуныр еуэнущ», итIанэ тщыгъупщэжыпэнурэ кIуэдыжынущ. Апхуэдэ гузэвэгъуэм лъэпкъри къытщIэхъуэ щIэблэри хэмыхуэн папщIэ, бзэр гъэлэжьэн, тхыбзэр къэгъэсэбэпын хуейщ. А Iуэхухэм лъэпкъпсо мыхьэнэшхуэ зэраIэр нэхъыжьхэм нэхъыщIэхэм къагурыдгъа­Iуэурэ, бзэмрэ псэмрэ зы чысэм зэрилъыр зи пкъынэлъынэм хэлъ щIэблэхэр къытщIэувэн хуейщ.

Лъэпкъым и блэкIари, и нобэри къэ­зыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъу­мэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Лъэп­къыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэми, ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэ­пIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Ди анэдэлъхубзэм и Iуэхур, ди жагъуэ зэрыхъущи, хэплъэгъуэ зэрыхъум щыхьэт техъуащ Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъу­щIапIэм илъэсищ ипэкIэ иригъэ­кIуэкIауэ щыта Урысейпсо къыхэтхыкIым кърикIуахэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, къэралым щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэр мин 33-м щIигъукIэ хэхъуащ 2010 гъэ лъандэрэ, цIыху мин 750-м щIигъу дохъу. АтIэми абы лъандэрэ блэкIа илъэси 10-м къриубыдэу зи бзэр зыщIэу зезыгъэтха адыгэхэм я бжыгъэм цIыху мини 100-м нэблагъэкIэ хэщIащ. Абы къикIращи, адыгэм къилъхуауэ анэбзэр зыIурылъыжыр лъэпкъым и цIыхухэм я процент 70-м щIигъуращ: адыги 10 къэс 3-м адыгэбзэр ящIэр­къым, яIурылъкъым, унагъуэхэми, гъащIэми, IуэхущIапIэми къыщагъэсэбэпыркъым. Ар дауэ?! Дяпэ илъэс 30-кIэ сытым дыхуэкIуэну пIэрэ? Апхуэдэу зэрыпсэуар ди адэжьхэр, апхуэдэ пщIэ хуащIу щытар «ахэр лъэпкъщ» къытхужезыгъэIэ ди анэдэлъхубзэм?

А псоми иджыри зэ егупсысыпхъэщ нобэ хуэдэ махуэм. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Къагъырмэс Борис зэрыжиIауэ, «Ди лъэпкъым щыщми, бзэр зыфIэмыIуэ­хур, Адыгэу плъытэу, уиплъэ хъун и нэгу?!»

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.

Адыгэ Макъ

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img