ХЭХЭСХЭР
Къэбэрдейм ис тэтэр къущхьэхэри, къэрэшей къущхьэхэри лъэпкъыу къежьакъым, этносу щыткъым, тэтэр диаспорэм и общинэщ (япэр ‐ пять горско‐татарских обществ Кабарды, етӏуанэр ‐ къуажищу къежьащ: Учкулан, Къарт‐ Джурт, Хурзук) адрей общинэ ди хэкум исхэми хуэдэу: ермэлы, куржы, дигор‐ирон къущхьэ (асэтин жыхуэтӏэр), журт колонкэ, нэмыцэ колонкэ (Налщыч дэсар), тырку‐месхетин иужьым къэ1эпхъуар, урысхэр.
Мыхэр псори лъэпкъ гуэрхэм я ӏыхьэу (езыхэм я хэку яӏэжу) хэхэсу ди хэкум исщ.
Мыдрей хэхэсхэм емыщхьу бэлшэвичхэм тэтэр къущхьэхэм лъэпкъ статус (автономия) иратащ. Иджы ӏуэхуращи япэм адыгэм лъэпкъыу имылъытэу “тэтэр къущхьэкӏэ” зэджэу щытам мы статусыр зэрыратрэ “балкария”, “карачай” жаӏэу, ятхыу щӏадзэри (алъандэрэ къэхъуа адыгэхэм) мыхэр езым зыхуагъадэу, щӏыдэлъху (автохтон) лъэпкъыу къафӏэщӏу, хэхэсу ямылъытэжу гъунэгъуу ялъытэу хъуащ (апхуэдэу я гупщысэм зихъуэжащ)
Урысым ди хэкум Мэздэгу быдапӏэр къырищӏыхьыу (1763 гъ.) къэбэрдей‐урыс зауэм щыщӏидзам Къэбэрдей адыгэхэр и нэхъ мащӏэ дыдэу мин 350, Шэрэджрэ Бахъсэнрэ якум дэс тэтэр къущхьэхэр ‐ мин 5, Псыжьыщхьэ (Кубань) дэса къэрэшей къущхьэхэр ‐ мин 7 хъуыуэ щытащ.
Черкесиер зэрыщыту къапщтэмэ (Кӏахэри, Щхьахэри) мелуан 4‐м нэблагъэт (мы бжыгъэхэр хэти къигъуэтыфынущ).
Урысым лъыгъажэ зауэ къырищӏылӏам хэкӏуадэурэ 1825 гъэм ирихьэлӏэу Къэбэрдей адыгэхэм я бжыгъэр мин 30‐м нэсыжауэ аращ.
Урыс‐адыгэ зауэр щиухым (1864 гъ) Шэрджэс хэкушхуэм адыгэу къинэжар мин 80‐щ. Империем ди щ1ыгур ӏэрыхьа иужькӏэ адыгэм и дуней ӏыхьэр хамэхэм яхуигуэшу, хэхэсхэр лъэпкъ ищӏыу, ахэр ӏыхьэгъу къытхуищӏыжу щӏидзащ.
Иджыри къыздэсым тэтэр къущхьэхэм я щӏыгури я бжыгъэри зэрыхэхъуар къыгуэхыпӏэ имыӏэу урыс‐адыгэ зауэм епхащ, ди лъэпкъым и мыгъуагъэр я лъабжьэу ахэм заӏэтащ.
Дэнэ щыӏэ хэхэсри зыхэс лъэпкъым и щэнхабзэр къызэрищтэм хуэдэу тэтэр къущхьэхэм ди щэнхабзэр псори къащтащ (копировать) бзэм фӏэкӏ къэмынэу.
Бзэм и гугъу щытщӏакӏэ жытӏэнщи, бзэм щхьэ дэ гузавэ диӏэр мыхэм ябзэм хуэпхь хъунукъым зэрыпсалъэр тыркубзэщи, ар кӏуэдкӏэ дунейм зыри хэщӏынукъым, сыт щхьэкӏэ жыпӏэмэ тыркубзэр я къэралыбзэу езыхэр тыркуу лъэпкъ куэд дунейм тетщ.
Абы къыщхьэщыкӏыу адыгэбзэкӏэ щыпсалъэу зы хэкуи дунейм теткъым.
Мыхэр лъэпкъыу къэзылъытэ хъуа иджрей адыгэхэм ди адэхэр мыбыхэм зэреджэу щыта “къущхьэ” псалъэр яфӏэкӏуэдри “балъкъэркӏэ”, “къэрэшейкӏэ еджэу щӏадзащ.
Къехъулӏащ урыс инэралхэм “къэбэрдейхэм я цӏыху бжыгъэр хэхэсхэм я бжыгъэм нэгъэсын хуейщ” жыхуаӏэу щытахэр, адыгэхэми нобэ гу зылъамытэжу я бжыгъэм зэрыхэщӏам хуэдэу я гупщысэри ӏуэнтӏа, чэнж яфӏэхъуащ.
Уи блэкӏар пщӏэмэ узыхуэкӏуэнури плъагъунущ, зэрыжаӏэу “зэрыщытыр зымылъагъум зэрыщытын хуейр илъагъунукъым
“2023.02.25
Мэш Исмел
