Табыщ Мурат Iузнейлэ щитхыжа IуэрыIуатэхэм щыщщ.

Мы ди Зэмантым* хуэдэ псы гуэрэм мы ди Шэрэфием* хуэдэ зы кой* гуэрэ Iуст, жаIэ.

Аддэ Хэкужьым. Зи бзаг’э зырамыпэсау[э], фIыу[э] зэрылъагъуу а койм куэду зэаркъэдэшу* фызитIи дэст.

Шыбзэхьэху* зыIэпахыу а[п]хуэдэт, яни*.

ИIэс аби, а фызитIыр псыхьэ мы ди Зэмантым хуэдэ псым къыдыхьас.

Зыр плъэри адрыщIым зы шу къилъагъури, ари зэпэщси, ари зылI ещхьс, жиIас.

– Зыр мащIэIуэс, – жиIас адрей фызым.

Ар нэхъ хэмылъу фызитIым жьэ ягъабз[э]у хуежьас*. – ТIу!

– Уэ нитIыр зэхуэдэмэ, ялъагъур пэжс. – Щы!

– Уэ Iэнэр лъэкъуищмэ, мэув. – ПлIы!

– Уэ жэмым и быдзиплIыр зэхуэдэмэ, шафIэс. – Тху!

– Уэ Iэхъуэмбитхур зэхуэдэмэ, шэрыуэс. – Хы!

– Я, хышхуэм хэхуэу хэт къела? – Блы!

– Уэ блэр зэуар аркъэным щощтэ. – И!

– Уэ им гъущIыжьри ехъу! – Бгъу!

– СогъэщIагъуэри, Тхьэу[э] зи КъурIэн, схуэмыух!

– Сыт бгъэщIагъуэр?

– Дыгъужьибгъум аргъуей кI’эбдз яхуэмышхыу слъэгъуас.

– Алэхь-алэхь, дыгъужьhэр цIыкIу хъунтэм?

– ЦIыкIу-мыцIыкIуми, Алъхъоhэ* я шы къуэлэныжьым хуэдизтэм.

– Алъхъоhэ я шы къуэлэныжьыр езыр цIыкIу хъунт?

– ЦIыкIу-мыцIыкIуми, бгы лъапэм здэщытым бгыщхьэм дэIэбейуэрэ мэхъуакIуэ, тхьэ…

– Бгыр цIыкIу хъунт?

– ЦIыкIу-мыцIыкIуми, щIалэр дэплъеймэ, и пыIэр щхьэрохумэ…

– ЩIалэр цIыкIужьей хъунтэм?

– ЦIыкIу-мыцIыкIуми, псыкъуийм йоIэбыхри псыр кърегъахъуэмэ…

– Псыкъуийр куу хъунтэIым?

– Куу-мыкууми, пщэдг’ыжьым ебдзыха пэгуным и Iэуэлъауэр пщыхьэщхьэрат щызэхэпхыр…

– Махуэр кI’эщI хъунт?

– КI’эщIми, кI’ыхьми, пщэдг’ыжьым къалъхуа шыщIэм пщыхьэщхьэм пщыщауэр мэшэс.

– Тобэ, тобэ, ярэби!..ЛIыфIыгъэ зэримыгъыхь[э]у фызитIыр псыхъуэм къыдэкI’ыжыри я унэ къэкIуэжаhэс.

Мис мы[п]хуэдэ шыпсэhэм ди бэбэжь** рэхьмэтлик’ым жэщкI’э дыкъригъэдаIуэу щытас.

[Мэдыхьэшх].КъэзыIуэтэжар Къэрэшей С., 2005 илъ.

*Зэманты – Iузнейлэм пхрыж псым аращ зэреджэр.

Дэлъадэми, блэжми, Астемырей, Ерэнщыхьэр-Къундетей, Алъэсчырей, ХьэтIохъущыкъуеижь, КIурашынхьэблэ, Къайнар, Локъуажэ, Къунашей, Аслъэнхьэблэ, Хьэзей жылэхэр Зэмантыпсым къызэренэкIри, Сейхьан псышхуэм холъэдэж.

*Шэрэфие – Iузнейлэм ит зы къэбэрдей къуажэщ, адыгэбзэкIэ Астемырей жыхуаIэращ.

*кой – къуажэ, жылэ.

*зэаркъэдэшу – зэныбжьэгъуу, жыхуиIэщ.

*шыбзэхьэху – кхъузанэхьэху зэIэпахыу, жыхуиIэщ. ЗэкIэлъыкIуэу, зэкIэлъыIэбэу жиIэущ къызэрыбгурыIуэн хуейр.

*яни – сытми, дауэ хъуми.

*жьэ ягъэбз[э]у хуежьас – жьэнахуагъкIэ зэпеуэу щIадзащ, жыхуиIэщ.

*Алъхъоhэ – Хэку Джылахъстэнейм иса пщы лъэпкъщ, къуэпскIэ Инал и щIэблэм щыщщ. Лъэпкъым щыщхэр ноби щыIэщ, Хэкуми щопсэу, Тыркуми Истамбыл, Анкара дэсхэщ.

*бэбэжь – адэшхуэ.

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img