АДЫГЭХЭМ Я ЗЭХЭТЫКlАР (Мэш Исмел) итхащ

Адыгэ дзэпщхэр, пашэхэр лъэщыгъэкӏэ лъэпкъым унафэщӏ зыхуэзыщӏа фиргьэун, хъан, император, шахъ, сулътӏан, пащтыхь нэгъуэщӏ‐ къинэмыщӏхэм хуэдэтэкъым ахэр я лӏыгъэ, я цӏыхугъэ, я ӏущыгъэ, я щапхъэкӏэ дзыхь ирагъэзу цӏыхухэр яужь иувэу арат.

Зауэм щыӏухьэкӏи езыхэр ӏукӏуэтауэ лъэгапӏэм тету зи цӏыхухэр зауапӏэм ӏузыхуэ адрей лъэпкъхэм я ӏэтащхьэхэм хуэдэтэкъым, атӏэ дзэм япэ иту зауэм ӏухьэнут, зыгуэр япэ ищмэ пашэу щытыну зыхуамыгъэфащэжу я напэр текӏауэ залъытэжт.

Илъэс псокӏэ адыгэм яхэса инглиз зекӏуэлӏ Джон Лонгворт зэритхыжамкӏэ Бэлэтокъуэ Жэмболэтрэ Шырыхъукъуэ Дыгъужьрэ зы напӏэ дэхьейгъуэм сэкӏэ зэпаупщӏам хуэдэу урысыдзэр зэпаупщ1ри якум дэкӏащ, езыхэр дзэпщ пэтрэ зыми унафи хуащӏакъым ‐”ди япэ фиуви фызэпрыкӏ”‐ жаӏэу, апхуэдэу сыткӏи щапхъэхэт дзэпщхэр, шыщхьэмыгъазэхэт.

Мис аращ лъэпкъ щхьэхуитыр зыӏисыр, адыгэ тхьэмадэхэр, дзэпщхэр сыткӏи щапхъэхэт, япэ итхэт.Адыгэр шынагъуэт адрей унэӏут лъэпкъхэм, псом хуэмыдэу мыжьыкъхэм дежкӏэ.

Сэ япэм стхащ урыс инэралхэр гузавэу ‐”мы адыгэхэр щӏэх дымыгъэкӏуэдым мыхэм я зэхэтыкӏэр зылъэгъуа ди цӏыхухэр, (унэӏут‐крепостнойхэр) къыдэдэӏуэжынукъым, ӏумпӏафӏэу щытыжынукъым” (destabilis яхуэхъунущ) жаӏэурэ пащтыхьым деж рапорт ирагъэхьу зэрыщытар.

Азием и гугъу сщӏыхэкъыми Европэри апхуэдэт, европей монарххэр, зым ипхъур зым ишауэ, благъагъкӏэ зэрыӏыгъти ӏэдэм дэлъу яӏыгъ я лъэпкъхэмкӏэ адыгэм я зэхэтыкӏэр я къэралыгъуэмкӏэ шынагъуэу къалъытэт, аращ дэӏэпыкъуэгъу щӏэлъэӏуу ди лӏыкӏуэхэр Европэм щыкӏуами ди лъэӏур хъымпӏар щӏамыщӏар.

Хуитыныгъэ нэскӏэ зэхэту, цӏыхугъэ зэхэтыкӏэ дахэм и “ӏуащхьэмахуэм” дэкӏат ди лъэпкъыр, дуней зытетыр ягъэдахэрэ мэз жыг хадэхэр (лесосады) ягъэкӏыу езыхэри дахэу зэхэтыжу. А лъэгапӏэм иджыри зы лъэпкъи нэсыфакъым икӏи щӏэхи нэсынукъым.

Сэ жысӏэр пэжрэ пцӏырэ къырипщӏэну гъэунэхупӏэ щыӏэщ: унэӏуту зэхэта лъэпкъхэм шынагъэкӏэ тепщэ захуэзыщӏахэм яхъуреягъкӏэ кӏэщӏэбзае‐ кӏэщӏэӏэтэхэр я куэдти тхьэпэлъытэ ящӏащ, тхьэпэльытэу зыкъызыщыхъужахэм я лъэпкъхэр ираудыхащ, ӏэщэ зэрахьэну хуимыту лъэгущӏэтын ящӏащ.

Цӏыхум къыдалъхуа щэнхэм щыщу тепщэныгъэр ӏэрыхьэмэ къыжьэдэзыкъуэн къару щымыӏэмэ (система сдержек и противовесов) и залмыгъэр гъунэншэ мэхъу, дунейр зэрапхъуэу, яухъуэнщӏу, зэхафыщӏэу (экологиери якъутэу цӏыхугъэри яфӏэкӏуэду) щӏадзэри ныбэизагъым (роскошь) игъэудэфахэр псэжьагъым (разврат) еубыд.

Зэрысщӏэмкӏэ пасэрей Римым дэта Колизейм псэущхьэу мелуанрэ мин щийм нэс ираукӏыхьащ тепщэхэм я унэӏутхэр къапэмыувыжу, зыкъамыӏэту трагъэун щхьэкӏэ, икӏи нобэ щӏы хъурейм и щытыкӏэр тепщэхэм я ныбэизагъымрэ псэжьагъымрэ кърикӏуауэ жыпӏэ хъунущ.

Адыгэм дежкӏэ зыкъэдгъэзэжынщи адыгэпщми лъхукъуэлӏми я псэуалъэкӏи я мылъкукӏи зэщхьэщыкӏыныгъэ яӏакъым, зэхуэмыдэныгъэм къилъху губжь, гужьгъэжь фыгъуэ‐ижэр яку дэлъын хуэдэу, зэхуарэзыуэ, зэдэууэ къыздекӏуэкӏащ (социальная стабильность) ‐ пщым нэхъ лейуэ хуитыныгъэ иӏар зауэм япэ иту зэрыӏухьамрэ иужь иту къызэрыӏукӏыжамрэщ.

Кӏэщӏ зедгъэщӏынщи адыгэхэр дунейм екӏурэ езыхэри зэкӏужу къекӏуэкӏащ, илъэс мин бжыгъэкӏи захъуэжакъым, нобэ цӏыхуу дунейм тетыр зыхущыщӏэр апхуэдэ зэхэтыкӏэщ.

Зытхар :

Псэбыдэ Нартыгу

(Мэш Исмел)

FB IMG 1750361841814

Son Makaleler

spot_imgspot_img

İlgili Makaleler

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz

spot_imgspot_img